البحث

عبارات مقترحة:

العالم

كلمة (عالم) في اللغة اسم فاعل من الفعل (عَلِمَ يَعلَمُ) والعلم...

المصور

كلمة (المصور) في اللغة اسم فاعل من الفعل صوَّر ومضارعه يُصَوِّر،...

Рэмэданым епха упщ1эхэр 11

شركسي - Адыгэбзэ

المؤلف Рэмэдан Цей ، Абу Мухьэммэд Шэркэси
القسم دروس ومحاضرات
النوع مرئي
اللغة شركسي - Адыгэбзэ
المفردات أحكام الصيام
Нэмэз зымыщ1ым и нэщ1ыр тэмэм? Нэгъуэщ1у а упщ1эм жэуап еттынщ. Ц1ыхум къыгур1уэн хуещ нэмэзыр диным ипкъыгъуэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зи1эхэу зэрыщытыр щыхьэтит1ым иужьк1э, абым ц1ыхур махуэ къэс и Тхьэм ирепх. Щ1эныгъэл1хэм яхэтщ нэмэзыр къэзгъэнар кафир хъуауэ зыбж, ислам диным ик1ауэ зылъытэ. Ахэм щыхьэтхэр я1эщ я еплъык1эр ягъэбыдэу. Аращи, 1уэхур псынщ1эу щыткъым, нэхъыбэм кафиру щымыту(абым хущ1экъуу щымытмэ) жа1а щхьэк1э. И гуэныхьыр ин дыдэщ нэмэз къэзгъанэм, сыту жып1эмэ, нэмэзыр диным и пкъыгъуэ мыхьэнэшхуэ зи1эу зэрыщытым папщ1э. Нэмэзыр къэзыгъанэр факъырэщ дауэ къулейуэ щымытами, и щытык1эр нэхъ 1ейуэ щы1э щытык1эщ. Мысылмэным нэмэз ищ1ын хуейщ, нэмэзыр нэщ1ым нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зи1эщ. Акъыл тэмэм зи1эм и Тхьэм хуэпщыл1ыну иригъажьэу абым и унафэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зи1эр къигъэнэну щыткъым нэхъ мыхьэнэ ц1ык1у зи1эр игъэзащ1эу. Щ1эныгъэ зыбгъэдэлъхэм ц1ыхухэм гурагъэ1уэн хуейщ нэмэзым и мыхьэнэшхуэр, нэмэз щ1ыным ц1ыхухэр хуашэн хуейщ, ауэ нэщ1ыр къырамгъэгъанэу, Алыхьым и унафэм щыщу нэщ1ыр зэрагъэзащ1эм хуэдэу нэмэзри зэрагъэзэщ1эн хуейр гур1уэгъуэ хуащ1ыныр я пщэм дэлъщ.